Дыгъуасэ къэзгъуэтыжа💫 си шыпхъу нэхъыщӀихым я гукъэкӀым сылъэщӀыхьэну сохъуапсэ.
✍️ Адыгэбзэм уӀэгъэу къытехуэр зи гум шабзэу хэуэ журналист гумызагъэ ЩхьэщэмыщӀ Изи,
✍️ цӀыхуитӀ фӀыуэ зэрымылъагъуу е зэрымыцӀыхуу зэблэзымыгъэкӀыф си еджакӀуэ (зэрыжурналистым фесэжащ) НэщӀэпыджэ Замири,
✍️ Щамым къиӀэпхъукӀыжа унагъуэм теухуа тхылъым "Тамерис"- м дыщытепсэлъыхьыну нэхъ хуэфащэу къэзылъыта усакӀуэ лъэрызехьэ Гугъуэт Зареми,
✍️ дызыбгъэдэса Ӏэнэ зеуалэм и лъакъуэр кӀуэрыкӀуэм тету щӀэзыгъэувэжа "тхакӀуэ емынэ" Фырэ Анфиси (Къаныкъуэхэ! Без паники!),
✍️ мащӀэри куэдри гукъинэж тщызыщӀ сурэттех къызэрымыкӀуэ Къарей Элини.
✍️ и щэныфӀагъымрэ псалъэ шэрыуэм хуиӀэ нэхъуеиншагъымрэ здэзыхьыф, ебланэу псом нэхърэ нэхъ бланэ Багъэтыр Луизи.
💫 Зэлэжьэгъунымрэ зэныбжьэгъунымрэ укъибэкъукӀыу, зэшыпхъуным унэсыну сыт и уасэ!